Сыхьэт зонэ

Сыхьэт зонэ псалъэм гурыӀуэгъуитӀ иӀэщ.
- Хэкумэтх сыхьэт зонэ — дунейм и щӀылъэм меридиан тралъхьахэмкӀэ къыхэкӀыу зэтраухуа зонэхэ.
- Админстративнэ сыхьэт зонэ — щӀым и Ӏыхьэ къыхэгъэщхьэхукӀа, къэрал здыхэтым и унафэхэм елъытауэ зэтраухуа зонэхэ.
И нэхъыбапӀэм административнэ сыхьэт зонэращ нэхъ хэгъэхукӀауэ ябжыр. Иджы зэманыр зэтраухуэ Дунейпсэ координированэ зэманым (UTC) къагъэсэбэпу. Иныкъуэ къэралхэм гъэмахуэм я сыхьэтхэр зы сыхьэткӀэ япэ ирагъэшри, щӀымахуэм ирагъэкӀуэтыж мыхьэнэншэу току ямыгъэкӀуэдынхэ щхьа.[1]
Зэрызэхадз щӀыкӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Дуней псор меридианхэм къазэрыхэкӀыу 24 сыхьэт зонэкӀэ угуэшахэщ. Зы сыхьэт зонэм уикӀыу адрейм укӀуэм, дакъикъэм и мыхьэнэр къонэ, сыхьэтыращ е зы сыхьэткӀэ хэхъуэр ерэ хэщӀыр. Ауэ къэрал гуэрхэри щыӀащ дакъикъэ 30-кӀэ е 45-кӀэ къащхьэщыкӀхэу.
Ишхъэрэрэ Ипшэрэ полюсхэм меридианхэр зы пӀэм деж щызэхохьэжхэри, а щӀыпӀэхэм сыхьэт зонэхэм я мыхьэнэр щокӀуэд. ЗэралъытэмкӀэ а щӀыпӀэм дунейпсо зэман къыщагъэсэбэпын хуейуэ ябж, ауэ Ипшэ полюсым ит станциэ амундсен-Скоттым ЩӀэ Зелэндым и сыхьэт зонэращ къигъэсэбэпр.
Сыхьэт зонэхэр зэмылӀэужыгъуэ къэралхэм
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Зи щӀыпӀэхэр зы сыхьэт зонэм нэхърэ нэхъыбэм ит, къэралхэр:
| Къэрал | Сыхьэт зонэхэр зэрыхъухэ | UTC-ым и нэхъ гъунэгъур | UTC-ым нэхъ пэжыжэр | Гъэмахуэ зэманыр къэзыгъэсэбэп |
|---|---|---|---|---|
| Аустралиэ | 7, гъэмахуэм 8 | UTC+6:30 | UTC+11:30 | И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэпыжкъым |
| АШЗ | 6 | UTC-5 | UTC-10 | И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэп |
| Британиэшхуэ | 8 | UTC+6 | UTC−8 | Къагъэсэбэп |
| Бразилэ | 3 | UTC−4 | UTC−2 | И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэпыжкъым |
| Гренландиэ | 4, гъэмахуэм 3 | UTC+0 | UTC-4 | И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэпыжкъым |
| Даниэ | 5 | UTC+1 | UTC-4 | Къагъэсэбэп |
| Демократикэу Республикэ Конгэ | 2 | UTC+1 | UTC+2 | Зэри къагъэсэбэпакъым |
| Индонезиэ | 3 | UTC+7 | UTC+9 | Зэри къагъэсэбэпакъым |
| Испаниэ | 2 | UTC+1 | UTC | Къагъсэбэп |
| Къазахъстэн | 2 | UTC+5 | UTC+6 | Къагъэсэбэпыжкъым |
| Канадэ | 6 | UTC−3:30 | UTC−8 | И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэп |
| Кирибати | 3 | UTC+12 | UTC+14 | Зэри къагъэсэбэпакъым |
| Мексикэ | 3 | UTC−6 | UTC−8 | Къагъэсэбэп |
| Микронезиэ | 2 | UTC+10 | UTC+11 | Зэри къагъэсэбэпакъым |
| Монголэ | 2 | UTC+7 | UTC+8 | Къагъэсэбэпыжкъым |
| Нидерлэндхэр | 2 | UTC+1 | UTC-4 | Къагъэсэбэп |
| ЩӀэ Зелэнд | 2 | UTC+12 | UTC+12:45 | Къагъэсэбэп |
| Урысей | 9 | UTC+3 | UTC+12 | Къагъэсэбэпыжкъым[2] |
| Португалэ | 2 | UTC | UTC-1 | Къагъэсэбэп |
| Фрэндж | 12 | UTC+12 | UTC-10 | Къагъэсэбэп |
| Чили | 2 | UTC-4 | UTC-6 | Къагъэсэбэп |
| Экуадор | 2 | UTC-5 | UTC-6 | Къагъэсэбэп |